History of Circassian Mamluks of Egypt [ENG sub.] | Kardangushev Zaramuk

  Рет қаралды 3,936

Carbatay

Carbatay

4 жыл бұрын

Къызэрыщӏэкӏымкӏэ, адыгэм къахэкӏа лӏы лъэрызехьэхэри пащтыхьу щыщыта зэман щыӏащ.
Египетымрэ Сириемрэ, адыгэбзэкӏэ жытӏэу щытмэ - Мысырымрэ Щамымрэ, Айубидхэм тепщэныгъэр щаӏыгъа зэманым «мамлук»-кӏэ еджэу дзэ яӏыгъащ.
Хьэрыпыбзэкӏэ «мамлук» жиӏэмэ «пщылӏ хужьыдзэ» жиӏэу аращ.
А дзэр тыркухэмрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэмрэ къахэкӏат.
Мысырымрэ Щамымрэ щытепщэу щыта Айубидхэм пщылӏ щӏалэ цӏыкӏухэр къащэхурти, ин хъуху зауэ ӏуэхум хуагъасэрт, ин хъуа нэужь я дзэм хагъыхьэрти, игъащӏэ псэукӏэ я хъумакӏуэу, яхуэзауэу щытын хуейт.
Апхуэду илъэс куэдкӏэ екӏуэкӏа нэужь 1250 гъэм я тепщэ Айубидхэр традзри, езы мамлукхэм тепщэныгъэр яубыдащ, езыхэм къахэкӏауэ пащтыхьхэр тахътэм трагъэтӏысхьэурэ, илъэс 250 щӏигъукӏэ тепщэныгъэр яӏыгъащ.
А зэманым и кӏуэцӏкӏэ абыхэм пащтыхь куэд зэблахъуащ, абыхэм адыгэ пащтыхь куэд яхэтащ.
Адыгэхэм ящыщу япэу пащтыхьу теувауэ щытар Бэрокъуэщ. Ар теувауэ щытащ 1382 гъэм, илъэсиблкӏи тетащ.
Абы иужькӏэ абы и къуэ Сэйфудин 1390 гъэм къыщыщӏэдзауэ 1399 пщӏондэ тетащ.
Итӏанэ Бэрэсбий 1422 къыщыщӏэдзауэ 1438 гъэ пщӏондэ тетащ.
Сэйфудин и щӏэблэхэм ящыщу Инал тетащ 1453 къыщыщӏэдзауэ 1461 гъэ пщӏондэ.
Иужь дыдэу тетахэм ящыщу адыгитӏ яхэтащ. Къанщауэгъур 1501 гъэм теувэри 1516 гъэ пщӏондэ тетащ. Тумэнбей иужь дыдэ адыгэ пащтыхьу теуващ.
Тумэнбей зы илъэс иримыкъу тетауэ, Тырку пащтыхь Сэлим II зауэ ирищӏылӏэри, мамлукхэр зэтриукӏащ, Тумэнбей и щхьэр Мысыр и дыхьэпӏэм деж щыпилъащ. Мамлукыдзэм хэта адыгэхэр гущӏэгъуншэу зэтраукӏащ.
Дауи, уэрэдыр а ӏуэхугъуэм иужькӏэ абыхэм яусакъым, сыту жыпӏэмэ, абыхэм адыгэбзэ ящӏэжуи щытагъэнукъым. А ӏуэхугъуэм иужькӏэ зэман куэд дэкӏа нэужь уэрэдыр адыгэхэм яусащ адыгэ пащтыхьхэм я фэеплъу.
Уэрэдыр къыджезыӏэжар Хъуэрылӏ Айдэмырщ. Ар езыр лъэпкъкӏэ шапсыгът, революцэм ипэкӏэ Анапэ къалэм и гъунэгъуу щыса Хьэмтӏратӏыгу къуажэм 1912 гъэм къыщалъхуат. Революцэм иужькӏэ а къуажэр 1925 гъэм къэӏэпхъуэри, Краснодар къалэм и гъунэгъуу къэтӏысыжащ, Натхъуей къуажэ хъуащ. Айдэмыр къызэрыджиӏэжамкӏэ, а къуажэм дэса лӏыжьхэм жаӏэу зэхихауэ арат мы уэрэдыр.
Абы иужькӏэ куэд дэмыкӏыу, мы уэрэд дыдэм и псалъэхэр куэдкӏэ нэхъ кӏыхьу, поэмэ псэу хъууэ Сирием кърагъэхри Елбэрд Хьэсэн къыхурагъэхьауэ щытащ (sites.google.com/site/mosadyg....
Уэрэдыр Айдэмыр зэрыжиӏа дыдэм хуэду магнитофонкӏэ ттхыжауэ институтым щӏэлъщ. Абы къызэрыджиӏэжа дыдэм хуэду жытӏэжу аращ.

Пікірлер: 11
@Carbatay
@Carbatay 4 жыл бұрын
3:04 Language of the Mamluk-Circassians (lisān-i Çerākize-yi māmalūqa) - titus.uni-frankfurt.de/personal/jg/html/jg1991b.htm
@user-kr9lh7bo8w
@user-kr9lh7bo8w Жыл бұрын
Мамлюкыр кьызыхэк1ар Адыгэхэр аращ. Япэ итам и ц1эр Мамыл, абы и 1уэхур адэк1э зыхьар Мамыл и къуэхэр аращ. Мамлюкым къик1ыр Мамыл и къуэхэр жи1эу аращ.
@user-kr9lh7bo8w
@user-kr9lh7bo8w Жыл бұрын
Мамлюк-ыр къызытек1ыр Мамыл и къуэ жыхуи1эщ. 1уэхур езыгъэжьар Мамыл-щ, и 1уэхур пызыдзар Мамыл и къуэхэр аращ. Мамыл и къуэхэр пэмыщ1ыбзэк1э жып1эмэ Мамлюк мэхъу.
@user-kr9lh7bo8w
@user-kr9lh7bo8w Жыл бұрын
Къардэнгъущ1 зэрамыку мыхъумыщ1эу ищ1ар хуэгъун хуейкьым. Урэдым хэта псалъэхэр, Мылъхуэжын мыгъуэр урысыжьхэм къахуэк1уэ, жыхуи1эр Мылъхуэжын мыгъуэр пщыжь уэркъыжьхэм къахуэк1уэ жи1эри зэрихъуэк1ащ.
@Carbatay
@Carbatay Жыл бұрын
А уэрэдыр къызытекӏа усэр Зырамыку мыбдей къыщеӏуатэ: kzfaq.info/get/bejne/oJ5zg5B2sZzQdo0.html
@mohammeda.raqeeb3110
@mohammeda.raqeeb3110 4 жыл бұрын
It is interesting issue, I wish there is translation to English or Arabic..
@Carbatay
@Carbatay 4 жыл бұрын
I've done subtitles in English.
@user-ez7bu5kh1w
@user-ez7bu5kh1w 3 жыл бұрын
Где сама песня?
@Carbatay
@Carbatay 3 жыл бұрын
kzfaq.info/get/bejne/d95jn8yUptK7mok.html
Smart Sigma Kid #funny #sigma #comedy
00:40
CRAZY GREAPA
Рет қаралды 29 МЛН
39kgのガリガリが踊る絵文字ダンス/39kg boney emoji dance#dance #ダンス #にんげんっていいな
00:16
💀Skeleton Ninja🥷【にんげんっていいなチャンネル】
Рет қаралды 8 МЛН
Каха заблудился в горах
00:57
К-Media
Рет қаралды 9 МЛН
Задержи дыхание дольше всех!
00:42
Аришнев
Рет қаралды 3,7 МЛН
Пщащэхэ, щауэхэ - фыджэгут!
2:22
Хусен Маремуков - Topic
Рет қаралды 6 М.
Къущхьэ Жэмбот и уэрэд
18:07
Назир Хахов
Рет қаралды 114 М.
Similarities Between Arabic and Sicilian
14:11
Bahador Alast
Рет қаралды 1,2 МЛН
İĞNE İLE TELEFON TEMİZLEMEK!🤯
0:17
Safak Novruz
Рет қаралды 1,9 МЛН
Better Than Smart Phones☠️🤯 | #trollface
0:11
Not Sanu Moments
Рет қаралды 16 МЛН
Частая ошибка геймеров? 😐 Dareu A710X
1:00
Вэйми
Рет қаралды 4,6 МЛН
КРУТОЙ ТЕЛЕФОН
0:16
KINO KAIF
Рет қаралды 6 МЛН